13.5.14

УФ лъэпкъ зэхэгъэж къызэрыщекIуэкIым КъБР-м ис щIалэгъуалэр егъэгубжь

ЖъоныгъуакIэм и 13, 2014
Накъыгъэм и 10-м Краснодар къалэм и зы шхапIэ щхьэхуэм, абы щIэсахэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, лъэпкъ зэхэгъэж ящIхэу щIэлъадэхэри зы адыгэ щIалэм фэбжь ирагъэгъуэтащ.

Ар Адыгей республикэм хыхьэ Адыгейск къалэм дэт сымаджэщым и щхьэм дыркъуэ игъуэтауэ яшащ. НаIуэ къэмыхъуа бжыгъэхэм ипкъ иткIэ мыбы я нэIухэр гъэпщкIуауэ пхъэм къыхэщIыкIа Iэщэхэр яIыгъыуэ щIэхьа цIыхухэм я бжыгъэр 40-м щIигъурт.

ИкIи ахэр зытеуахэр я нэIукIэ Кавказ лъэпкъхэм ящыщу фэ зытетхэращ. Майкъуапэ къалэм дэт «Адыгэ хасэм» щыщ ХьэнэхъуэкIу Хьэзрэил зэрыжиIауэ «Натпресс» сайтым къызэритамкIэ, «мы Iуэхум ипкъ иткIэ фэбжь зыгъуэтахэр куэдкIэ нэхъыбэнущ. ЩIалэм къыпэщылъщ икъукIэ гугъуу еIэзэн хуейхэу. «Краснодар къалэм и деж ар АР-м зэрыщыщым къыхэкIкIэ сымаджэщым ящтакъым. Адыгейск къалэм дэт сымаджэщым абы зэреIэзэн Iэмэпсымэхэр яIэкъым»- жиIащ абы.

АдэкIэ Натпрессым и уэршэрэгъум къызэригъэлъэгъуамкIэ ар Адыгейск дэт къалэ сымаджэщым накъыгъэм и 11-м щыIащ нэгъуэщI Iуэхум ипкъ иткIэ.
ИкIи абы къыхэкIкIэ ар дахэ дахэу езы фэбжь зыгъуэта щIалэм епсалъэфакъым. ХэIэтыкIауэ абы нэхъ жиIэфар абы и ныбжьэгъум икъуэ Ашынэ Рамазан, а щIалэм и щхьэм фэбжьышхуэ игъуэтауэ къызэрыжриIаращ.

Мы хъыбарыр ХьэнэхъуэкIу ХьэзрэIил езым и фейсбук напэкIуэцIым кърилъхьащ.
ИкIи  абы къыхигъэщащ мы Iуэхум теухуауэ нэгъуэщI тхыгъэхэр информ къулыкъухэм наIуэ къызэрамыщIар.

Апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щIэх щIэхыурэ Урысейм и къалэ куэдхэмрэ, и куей щхьэхуэхэмрэ къохъу. Ауэ ахэм я нэхъыбэр апхуэдэу хэIущIыIу хъуркъым.

Псалъэм папщIэ КъБР-м мы иужь илъэсхэм мыбы ис цIыхубэм къызэрабжымкIэ цIыху зыбжанэ Урысейм и къалэшхуэхэм Мэзку, Санкт-Петербург къалэхэм щаукIхэурэ къашэжахэщ. Ауэ ахэм я Iуэхухэр хабзэми  зэхигъэкIакъым, уеблэмэ урысей прессэми абы теухуауэ зы хъыбари къыщыIуакъым.

Абы къыдэкIуэу мы республикэм щыпсэухэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ мы иужь илъэсхэм щIэх щIэхыурэ Кавказ Ищхъэрэм щыщ лъэпкъхэм къахэкIахэм урысхэм щыщ щаIэщIэукIэ къыщыхъуа Iуэхугъуэхэр. ИкIи абы псалъэмакъышхуэ къикI хабзэщ, информ къулыкъухэми а хъыбархэр ину ягъэвур.

Уеблэмэ хабзэхъумэхэмиа упщIэр нэхъ ткIий дыдэм хуэдэу зэхагъэкIыр. Мы Iуэхум теухуауэ КъБР-м ис щIалэгъуалэм я еплъыкIэмрэ, езым и еплъыкIэмрэ Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ, Налшык къалэм дэс адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Шормэн Азэмэт:

«Мыр лъэпъкъхэр къызэщIигъасту псалъэмакъ къызэрыкIын Iуэхущ. ЩIалэгъуалэр зэрыбгъэдыхьэр зыщ абы. ЯщIам хуэдэ къабзэ иращIэжыну аращ. Абы занщIэу апхуэдэ Iуэхугъуэ къыщыхъум и деж я лъхэр къызэщIоплъэр. Абы и ужь ахэм уапэуври лъэпкъым упэуври зыпэ лъытэу хъуну аращ. Мыр зи лажьэр къэрал унафэщIхэращ».

Урысейм и къэрал кIуэцIым нэхъ гумащIэгъуэшхуэ къызырикIуэнкIэри хъуну политикхэмрэ, аналитик щхьэхуэхэмрэ къалъытэу щыт упщIэу, лъэпкъ зэпэщIэувэныгъэхэм епха Iуэхугъуэр щытщ.
ИкIи мы иужь илъэсхэм урысей прессэ щхьэхуэхэм зэпымыууэ утыку къралъхьэхэр Урысейм и къэрал кIуэцIым лъэпкъ зэхэгъэж къызэрыщекIуэкIым щыхьэт техъуэ тхыгъэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал

No comments:

Post a Comment