15.5.14

Къэрэшей-Черкесым деж мывэ сынхэр ирагъэщI

Ди япэ зы тхьэмахуэкIэ Урыс - Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэси 150-рэ ирикъунущ.  Абы хуэкIуэу  Къэрэшей-Шэрджэсым и Хасэм Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр къырахьэжьащ.

ИлъэсищэкIэ адыгэ лъэпкъым лъапсэихыр къыхуэзыхьа зауэжьым зи щхьэ хэзылъхьэу 
уафэмрэ щIылъэмрэ я зэхуакум къыдэна адыгэпсэхэм увыIэпIэ ягъуэтыным папщIэ Къэрэшей-Шэрджэсым и хасэм къырихьэжьащ адыгэкхъэхэм сын зэрыз дагъэувэныр. Мы Iуэхур цIыхухэм хуабжьу яфIэкъэбыл хъуащ. Къуажэ къэс ахъшэ зэхадзауэ мывэ сынхэр ирагъэщI. Абы теухуауэ Хуитыныгъэ Радиом мыр къыжриIащ хэгъэгу хасэм яхэт Аслъэнхэ Али:

Аслъэнхэ Али: Сыным тетынущ: «Дунейм ехыжауэ, зи псэр хэкум щхьэкIэ зытахэм я хьэдрыхэ фIы ухъу». Нэхъыбэу иджыпсту цIыхур здызэхуэсыр кхъэхэм дежщи, абы щыдыхьэхэкIэ зауэжьым зи щхьэр хэзылъхьахэм щхьэкIэ дууэ ящIу дгъэпсын ди мурадщ.
      
Хасэм къыхилъхьа Iуэхум и гупщысэр къызэрежьа хъуар Хуитыныгъэ Радиом къыхуиIуэтащ Къэрэшей-Шэрджэсым и хасащхьэм и тхьэмадэ Шэрджэс Мухьэмэд.

«Мы Олимпиадэр Сочэ деж щекIуэкIым адыгэхэр дыкIэлъымыплъу хъуакъым. Сыту жыпIэмэ, ди хэкужьт здекIуэкIыр. Абы пэмыщIу, адыгэхэр зыкъомкIи дыщыгугъащ а Iуэхум. Ауэ зыри кърикIуакъым. Абдеж ухуэныгъэхэр здырагъэкIуэкIым дыкIэлъыплъти хьэдэкъупщхьэ куэд къагъуэтыжащ. Къагъуэтар псоми ди жагъуэ зэрыхъущи кхъэ лъахэхэщ. Абы и цIэкIэ дегупщысащ: «Еуэрэби, нобэр къыздэсым къаплъэу пIэрэ ахэм я псэхэр, зыми дыкъыридзэжакъым жаIэу пIэрэ?»  жытIэри, мурад тщIащ адыгэкхъэ къэскIэ сын дгъэувыну, я псэхэм псэхупIэ ягъуэтыжын папщIэ». 

Шэрджэс Мухьэмэд зэрыжиIэмкIэ мы гъэм Урыс –Кавказ зауэжьыр зэриухрэ илъэс 150-рэ щрикъум хуэкIуэу лъэжьыгъэ нэхъыбэ хэгъэгум щырагъэкIуэкIынкIэ гугъащ.
ИлъэситIкIэ узэIэбэкIыжмэ хэгъэгум и тхьэмадэ Темрезов Борис къигъэгугъат Черкесск деж дагъэувэну зауэжьым хэкIуэдахэм я фэеплъыр.
Ауэ мы Iуэхур ипэкIэ кIуэтакъым. Иджы къалащхьэм и мэр Тамбиев Руслан и унафэкIэ Черкесск фэеплъ комплекс здыщаухуэну щIыпIэ къыхагъэщащ.

Накъыгъэм и 20-м ар ягъэнэIуэнущи мывэ ягъэтIылъынущ: «Мис мыбдеж Кавказ зауэжьым хэкIуэдахэм папщIэ фэеплъ дгъуэувынущ» жоуэ тетхауэ.
Къэрэшей-Шэрджэсым и официал къулыкъущIэхэр мы зауэм щытепсэлъыхькIэ «Урыс» псалъэр къыхэбгъэщу ядэкъым, нэхъ Кавказ зауэжь жаIэр.

А жыIэкIэр къызэрагъэсэбэпыми хуабжьу кIэлъоплъхэр. Апхуэдэу щытми, къэрал Iуэхузехьэхэми зыхуагъэхьэзыр накъыгъэм и 21-м, щыгъуэщIэж махуэм. Хьукумэтым и тхьэмадэ Къэрдэн Мурат я пашэу гуп къызэрагъэпэщауэ а махуэр зэрекIуэкIынур зэрагъэзахуэр.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск


No comments:

Post a Comment