23.5.14

Емуз Невзат: Нобэ дыздынэса дунейм узэбииныгъэм зыгуэр къихьынукъым

Емуз Невзат, ТхакIуэ, гъэсакIуэ. Джылахъстэней жылагъуэ.Тыркум Мараш къалэ.

Адыгэхэр хэхэс зэрыхъурэ илъэс I50 мэхъу, абы ехьэлIа щыгъуэ зэхуэсхэр Тыркуми щокIуэкI

Тыркум щыпсэу Адыгэхэм накъыгъэм и 2I махуэр илъэс 20-м нэблэгъауэ щыгъуэщIэж махуэу ирагъэкIуэкIыр. Къалэ, жылагъуэ хасэхэм хэт хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм щхьа къурIэн, мэулид хурагъаджэ, хэти хы фIыцIэ Iуфэм кIуэурэ абдеж хэкуэда я адэжьхэм хуощыгъуэхэр.

Адыгэм я щыгъуэ махуэм и мыхьэнэр, абы къинэмыщIауэ Адыгэ щIалэгъуалэм нобэ я Iуэхур зыIутым теухуауэ и гупсысэхэмкIэ Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ Тыркум щыщ ТхакIуэ гъэсакIуэ Емуз Невзат. Неузат Адыгэм и щыгъуэ махуэм теухуауэ сыт къыджепIэнт, щыгъуэным къинэмыщIауэ Тыркум щыпсэу Адыгэхэм сыт къапэщылъ ялэжьын хуейуэ?

Емуз Невзат: “Дэ Тыркум щыIэ Адыгэхэм щыгъуэ махуэ тщIыуэ зэрыщIэддзэрэ илъэс 20 хъуами аращ. Абы лъандэрэ илъэс къэс нэхъырэ Iэтауэ дощыгъуэ а махуэм. Нэхъыбэу ди щIалэгъуалэм нэхъ яIэту, нэхъ зэхащIэу мыбы иужь итхэщ. ЩIалэгъуалэм я тхыдэр, я щэнхабзэр тэмэму ящIэн хуейщ. Уи бзэр пIурымылъыу, уи тхыдэр, уи щэнхабзэр умыщIэу, ХэкумкIэ укъэувырэ Осман пащтыхьыгъуэм укъыхуэшхыдэу, мыткIэ ТыркумкIэ уувырэ Урысейм ухуэшхыдэу, дэ абы зыщIыпIи дынигъэсынукъым. Дэ Адыгэр хэхэс дызэрыхъурэ нобэ илъэс I50 хъуащ. Нобэ дыздынэса дунейм узэбииныгъэм зыгуэр къихьынукъым. Мамырыныгъэм дыхущIэкъуу дыщытын хуейщ. Пэжщ, нобэ дыхуей дыхумейми Тыркум щыпсэу Адыгэхэм гупсысэ зэтемыхуэхэр диIэщ. Ауэ Адыгэр нэхъыбэдыдэу зыдэщыпсэур Тыркуращи, дэ гъуэгу захуэм дырикIуэн щхьа дызэгурыIуэу нэхъыбэрэ дылэжьэн хуейщ.

Хуитыныгъэ радио: “Нэузэт, Адыгэр зы хъужын, уэ зигугъу пщIы гъуэгу захуэм теувэн щхьа сыт Тыркум щыIэ Адыгэхэм ящIэн хуейр?

Емуз Невзат: “Тыркум дэс Адыгэхэр къалэдэс дызэрыхъурэ псоми Адыгэ зэгухьэныгъэ къызэIутхахэщ, хасэ диIэхэщ. Апхуэдиз хасэм дауикI ди гупсысэ щызэтемыхуэ къохъури ари проблемышхуэу диIэщ, аби делъахъэр. Япэрауэ хасэхэм я гупсысэхэр зэтехуэн хуейщ, зэрыхъукIэ Хэкужьымрэ дэрэ дызэрыщIэ, дызэдэлажьэу щытын хуейщ. Ар къэдгъэхъун щхьа щIалэгъуалэр нэхъыбэу гъэсауэ щытын хуейщ. Я тхыдэр, я щэнхабзэр фIыдыдэу ящIэжу щытын хуейщ. Абы къинэмыщIауэ зызыужьа дэнхэнэ зы цIыхубэми IэщIагъэ, щIэныгъэ зэраIэращи дэри ар Iэмал имыIэу диIэн хуейщ. Арыншамэ дэ зыщIыпIи дынэсыфынукъым. Ди жагъуэ зэрыхъущи дэ Тыркум щыIэ Адыгэхэр Накъыгъэм и 2I-м дыщыгъуэу, абы дыщхьэдэхыу къэкIуэну зэманым щхьа зыри дымыщIэу дыыщтщ. Ущыгъуэ къудейкIэ мы Iуэхур зэфIэкIынукъым. Сэ жызоIэ Адыгэр дыкIуэдыжынукъым. Гурэ  псэкIэ мыр зи фIэщ хъуахэр дызэгурыIуэу дызэдэлажьэу щытым, ди къэкIуэныр махуэу жыпIэ хъунущ.

Щыгъуэ махуэр лэжьэгъуэ зэманым  зэрыхуэзам къыхэкIкIэ накъыгъэм и 24 щэбэт махуэм Адыгэ зэгухьэныгъэхэм Истанбул деж щыгъуэ зэхуэс щырагъэкIуэкIынущ. Абы къырихьэлIэнущ Каффед зифIэщыгъэцIэ Адыгэ зэгухьэныгъэ нэхъыщхьэм къепха Адыгэ хасэхэри.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие

No comments:

Post a Comment