9.5.14

Хъуадэ Аднан зыхуигъэзащ УФ-м и прокурор нэхъыщхьэм

«Адыгэ хэкупсэхэр» зи фIэщыгъэцIэ дунейпсо адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Хъуадэ Хьэднан удзыпэм и 30 махуэм УФ-м и прокурор нэхъыщхьэ Юрий Чайка лъэIукIэ зыхуигъэзащ 20I3 гъэм дыгъэгъазэм и I3 адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ яубыдауэ щытахэм я Iуэхур зэрызыхагъэкIым кIэлъыплъынууэ.

Фигу къэдгъэкIыжынщикIи нэхъапэIуэкIэ 20I3 гъэм дыгъэгъазэм и I3 махуэм адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэу цIыху I0 КъБР-м, КъШР-м, АР-м Краснодар къалэм дэт къэралым и зэхэгъэкIакIуэ IуэхущIапIэу дэтым ирашэлIауэ щытащ. Мы жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм къыхуагъэувауэ щытащ ахэм я унэм Чернышев зи унэцIэ цIыхухъум зыщигъэпщкIууэ. Дыгъэгъазэм и I4 пщыхьэщхьэм яубыдахэр псорикIи къаутIыпщыжахэщ. Мы махуэм яубыдауэ щытахэщ КъБР-м щыщхэу мыбы щыIэ «Адыгэ зэхуэс» жыхуиIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и пашэ КIэш Руслан, Кавказ Ищхъэрэ Федерал Куейм и цIыхубэ хасэм хэт, «Хасэ» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Егъэн Ибрахьим, АР-м щыщ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Ачмиз Хьилми, ХьэхъутлI Юрэ, «Адыгэ хэкупсэхэр» жыхуиIэ информ къулыкъу щхьэхуэм и унафэщ Ташу Евгени, «2I лIэщIыгъуэ адыгэ хасэ» жыхуиIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Зехьэ Амин, «Адыгэ хэкупсэхэр» жыхуиIэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Хъуадэ Хьэднан, КъШР-м щыщуэ «Абазэ» зи фIэщыгъэцIэ лъэпкъ культурэ купсэм и унафэщI Къамбий Руслан сымэ. «Япэ щIыкIэ ахэр къахъунщIащ, икIий къытрахащ тхылъхэр , я Iэмэпсымэ щхьэхуэхэр, абы иужькIэ къарукIэ Краснодар яшахэщ. ИкIий ахэр псорикIи щIащIам и лъабжьэ щIэлъ хуэдэу къагъэлъагъуэр дунейпсо террорист Чернышевым пыщIа хуэдэу аращ.»-жеIэрикIи Хъуадэ Хьэднан прокурор нэхъыщхьэм и зыхуэгъазэныгъэм къыщыхегъэщыр.

 «Сэ Хъуадэ Хьэднан Ищхъэрэ Федерал Куейм хабзэхъумэхэм абы щыгъуэм лей зыкIэлъызэрахьахэм сахэтащ. Абы ипкъ иткIэ ахэм къыттыракъузэу яфIэщуэ ди хуитыныгъэхэм ебакъуэхэу къытхущытахэщ.»- жеIэри етхыр адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэм. Абы адэкIэ къызэрыхигъэщымкIэ мыпхуэдиз Iуэхугъуэр къыщIырахьэжьа дунейпсо террорист Чернышев зицIэр щымыIэхэ, ар езыхэм къыгупщысауэ аращ. «ИкIий ара апхуэдэу зэрыщытыр нэрылъагъущ. Сыт щхьэкIэ жыпIэу щытмэ мы Iуэхур къежьэным ипэкIи ар къэхъуа нэужьми апхуэдэ цIэ зыщIыпIэ и дейжикI къыщыхэщакъымэ. 

Ар апхуэдэу щыытым и дейж наIуэ мэхъур мы Iуэхугъуэхэр къыщIырагъэкIуэкIам хабзэншэр яубыдын мурад хэмылъуэ, жылагъуэ IуэхущIакIуэхэм тыракъузэнууэ иужь итахэу.»- жеIэрикIи къыхегъэщыр «Адыгэ хэкупсэхэр» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лIыкIуэм. Езы Хъуадэ Хьэднан къызэрилъытэмкIэ ахэм къыщIытракъузам и щхьэусыгъуэу щытыр 20I4 гъэм ЩIымахуэ Олимп джэгухэр здекIуэкIа щIыпIэмкIэ мыарэзыуэ зэрыщыттэр аращ. 

АдэкIэ абы наIуэ къызэрищIымкIэ псоми и лъабжьэ щIэлъыр ахэм я гумм илъыр зэрыжаIа къудейращ. «Абы фIэкIа хэмылъуэ дэ ди хьэпшыпхэр ттырахынууэ, апхуэдэу лей къыткIэлъызэрахьэнууэ къезэгъкъым.»-жеIэр Хъуадэм. АдэкIэ мы Iуэхум и лъабжьэ щIэлъыу къилъытэр мы адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ яубыдауэ щытахэм яхэта Егъэн Ибрахьим «Хуитыныгъэ радиом» къыжриIащ:

«Ростов и дейж адыгэ Iуэхум пэщIэтыуэ купсэ щыIащ, аолимп джгухэм епхауэ. А купсэм сэ къызэрызгурыIумкIэ Iуэху къаIэтауэ аращ зыгуэ зэхагъэкIын хуейуэ. Апхуэдэ Iуэхур илъэскIэ къокъокIуэкI. А илъэсыр дэкIа нэужьым яукIыни ягъэтIысыни зыри щамыгъуэтым, дэ зыри дымыщIапхъэ зэрыдмыщIэм къыхэкIкIэ, мы Iуэхур зыгуэрыурэ зэхуащIыжын хуейти шыпсэ зэхалъхьэри дыкъыщауэ аращ. Мыбы хабзэр зыри кIэлъыплъкъым. Мыбы мыхьэнэшхуэ иIэкъым. Мы къэралым хабзэ щыIэкъым. Мыхэр зэрщытк «понятиекIэ» лажьэхэу аращ.»

Гу лъытапхъэщ мы Iуэхугъуэхэр къыщыхъуам дыгъэгъазэм и I4 махуэ дыдэм УФ-м и прокурор нэхъыщхьэм и дейж КъБР_м щыIэ хуитыныгъэ хъумакIуэ купсэм и унафэщI Хьэтэжыкъуэ Валерэ тхыгъэхэр иригъэхьауэ щытащ. ИкIий абы къыщыгъэлъэгъуат мы Iуэхур дахэ дахэу зыхагъэкIыным папщIэ и къэру хилъхьэнууэ. Ауэ Хьэтэжыкъуэм зэрыжиIэмкIэ мы тхыгъэм дахэ дахэу жэуап игъуэтыжакъымэ. Тхыгъэу къыхурагъэхьыжар ар нэгъуэщI IуэхущIапIэм и дейж зэрырагъэхьаращ. «Дэ иджырикIи абы щIэрыщIэу дыщIэупщIэжыну зыдогъэхьэзырыр, ауэ зэкIэрэ зыгуэрхэр зэхэкIыным дожьэри аращ.»-жиIащ Хьэтэжыкъуэм.

 Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал


No comments:

Post a Comment