15.4.14

Европэм идащ Украинэм евро миллиардкIэ дэIэпыкъуну


Абы пэмыщIу план къищтащ украинэ хьэпшыпхэм къэрал гъунапкъэхэм деж щытралъхьэ уасэхэр гъэмэщIэным теухуауэ.

Европэ Зэкъуэтым  хыхьэ къэралхэм хамэ IуэхухэмкIэ я министрхэр мэлыжьыхьым и 14-м Брюссель деж зэхуэзати, Украинэм и къэрал мылъкур хабзэншагъэкIэ зэубыда цIыху 18-м я дэфтэрым аргуэру щIагъужащ цIыхуи 4.

Иджы ахэм я ахъшэ хэкIыпIэхэр Европэм щызэхуащIынущ. Зы евро миллиард Украинэм ират зэрыщахуэ балансыр зэтригъэпсыхьыжын папщIэ. Ар дыщIагъужынущ Украинэм иратыну жаIагъэххэ,  ауэ иджыри IэщIамыгъэхьа  евро мелуан 610-м.

Хуитыныгъэ Радио