13.4.14

Къуэдзокъуэмрэ Хьэбэчырымрэ дунейпсо чемпионщ


Жэпуэгъуэм и 28-м Бра­зилием и Сальвадоре къалэм щиухащ дзюдомкIэ коман­дэхэм я дунейпсо чемпионат. Урысей Федерацэм и гуп къыхэхам хэту абы дыщэ медалхэр къыщахьащ Къуэ­дзо­къуэ Муратрэ Хьэбэчыр Му­ратрэ.

 Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам зэкIэлъ­хьэужьу Украинэр, Бразилиер, Корее Ипщэр хигъащIэри, финалым нэсащ. Абы хьэр­хуэрэгъу къыщыхуэхъуащ Японием и дзюдоист лъэщхэр. АрщхьэкIэ ди щIалэхэр къикIуэтакъым икIи дыщэ медалхэр зыIэрагъэхьащ.

Дунейпсо чемпион хъуа Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам и щIыхьыр яхъумащ ди лъахэгъухэу Къуэдзокъуэ Муратрэ (килограмм 73-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щыбэнащ) Хьэбэчыр Муратрэ (килограмм 81-м нэс). Ахэр я зэIущIэ псоми щытекIуащ.

Зи гугъу тщIы зэхьэзэхуэм дыжьын медалхэр къыщахьащ японхэм. Жэзыр зэдагуэшащ Бразилиемрэ Куржымрэ я командэ къыхэхахэм.

Ди къэралым апхуэдэ ­ехъ­улIэныгъэ япэу зыIэри­гъэхьауэ аращ. Нэхъапэм Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ къыхэхар етIуанэ увыпIэм зэи фIэкIыфакъым.

Жыласэ Заурбэч

Адыгэ Псалъэ