«Адыгэхэр я щIыналъэ щопсэуж…» и фIэщыгъэцIэу Черкесск къалэм щекIуэкIащ уэрэджыIэ Урым Ренат и япэ концертыр. Куэдым я гуапэ зэрыхъуащи а пшыхьым нэхъыбэу адыгэ уэрэдыжьхэращ къыщыIуар.
Урым Ренат къиухащ Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ Къэрэшей-Шэрджэсым гъуазджэмрэ щIэнхабзэхэмрэкIэ колледжымрэ, Саратов дэт Леонид Собинов и цIэр зезыхьэ консерваториемрэ. Урысейм щекIуэкIа макъамэ зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэм я лауреатщ, ауэ иджыщ и япэ пшыхьыр къыщызэригъэпэщар, мыбдеж щыжиIэну нэхъыбэу къыхихари адыгэ цIыхубэ уэрэдхэмрэ, композитор цIэрыIуэ Даур Аслъэн и IэдакъэщIэкIхэмрэ. Урым Ренат и макъ лъэщымкIэ жиIащ «Мухьэжырхэм я уэрэдыр», «Сэрмахуэ», «Iэдииху» гъыбзэхэр, «Уэзы Мурат» лIыхъужь уэрэдыр, «Нэхущ удж», «Iэлъын цIыкIур», «Адыгэ нысэр унэм идошэ», нэгъуэщIхэри.
Ренат къызыхэкIа Урымхэ я лъэпкъыр хуабжьу ирогушхуэр апхуэдэ щIалэ зэчиифIэ къазэрыхэкIамкIэ.
Урым Али: Ренат сабий бынышхуэ къыхэкIа, зэкъуэшиплIырэ зэшыпхъуитIрэ хъууэ и адэр ящхьэщыкIауэ щыта. Абы щхьэкIэ къэнакъым, Фатимэ и быныр иригъэджа. Абы хуабжьу къыдэIэпыкъуа и шыпхъум и бынхэр. Урым лъэпъкыр хуабжьу дырогуфIэ апхуэдэ уэрэджыIэ, макъ лъэщ зиIэ Ренат къызэрытхэкIар.
Ренат зэрыцIыкIурэ уэрэд жыIэным дихьэхт. Я пщIантIэм къыдэувэу и макъыр ину щишэщIкIэ Урымхэ я гъунэгъухэр гушыIэт: «Ренат уэрэджыIэ цIэрыIуэ хъунущ», жаIэти. ЩIалэм и зэчийр къэзылъэгъуа Урысейм и цIыхубэ артист Гъуэт Хъусин и нэIэ щIэтурэ Урым Ренат дэфтэр плъыжькIэ къиухащ Черкесск дэт Даур Аслъэн и цIэр зезыхьэ щIэнхабзэмрэ гъуазджэхэмрэкIэ колледжыр. Я еджакIуэм и ехъулIэныгъэм иригуфIэу концертым щIэсахэщ Ренат езыгъэджахэри.
Светлана Кронблат: Сэ си насып къихьащ мыпхуэдэ зэчиифIэ зыбгъэдэлъ уэрэджыIэр езыгъэджэну. Ренат хуабжьу лэжьакIуэщ. Нобэ хуэдэу Iэзэу уэрэхэр игъэзэщIэн папщIэ ар еджащ илъэсипщIкIэ колледжымрэ консерваториемрэ. Дэ мы щIалэм хуабжьу дырогушхуэр икIи сыхуейщ адэкIи и Iуэхухэр ефIакIуэну.
Ренат нобэкIэ егъэджакIуэу щолажьэр езым дэфтэр плъыжькIэ къиуха Саратов дэт консерваторием. Адыгэбзэм пэмыщIу урысыбзэкIи, италианыбзэкIи уэрэдхэр егъэзащIэр, ауэ и лъэпкъым и тхыдэр зыхэухуэна уэрэдыжьхэмрэ гъыбзэхэмрэ нэхъыбэу тегъэщIапIэ ещIыр.
Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио, Черкесск