10.7.14

Хэкурыс адыгэхэм хэхэсхэр къалъыхъуэж унагъуэцIэхэмкIэ

Емуз Амырсен. Ботэщей къуажэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Джылахъстэней жылагъуэ.

Адыгэ лъэпкъыр нэхъыбэдыдэу зыщыпсэур иджыпсту Тыркуращ. Я хэкужьым къинар зы мащIэщ. Иужьырей зэманхэм Тыркумрэ Урысейрэ я зэпыщIэныгъэхэр нэхъыбэ хъуху адыгэхэри нэхъ зэрыгъуэтыжыну, иужь итхэщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым Джылахъстэней жылагъуэм хиубыдэ Ботэщей къуажэм щыщ Емуз Амырсен къыджеIэ я къуажэ дэс унэцIхэр. Тыркум щыIэ Джылахъстэней дыдэм щыпсэу адыгэхэм нэхъыбэр абыкIэ икIауэ къащохъури.

Емуз Амырсен: Ди къуажэ Ботэщэй дэс унэцIэхэр: Ахэмын, Бэрэгъун, Къер, Емуз, Ервас, Хьэтыхъу, Къумыкъу, ДыщэкI, Жыгун, Къарэ, Куэшэр, Къуэн, Ержыб, Зэмбат, ТIэрэщ, Дэбащ, Хьэпажэ, ТхьэйцIыху, Дыду, Сэбан, Мэкъуауэ, Абазэ, Аслъэныкъуэ, Шэджэмыкъуэ, Гуазэ, Сэншокъуэ, Шыдыгъу, Чэтыкъуэ, Къущхьэбий, Гирэндыкъуэ, Къазий, Кудалий, Къыз, Хьэжу, Шыкълъашэ, Балъкъэр, Фэнзий, Мэмрэш, Болэ, БышэкI, Ирыгу, Шыбзыхъуэ, Ефэнды, Тау, Хьэгъур, Къардэн, Хунтхужь, Санэ, АфIэунэ, Быкъыш, Мэзыкъуэ, Сэмэгу, Тэрхъан, Щоджэн, Хьэмыкъу, Белгъуш, Лущ, Ибрахьим, Тэрчыкъуэ, Хьэгъэс, ХьэпащIэ, Нэгу, Къып.

Къуажэм ТыркумкIэ къыдэтIысхьэжауэ иджыпсту сщIэкъым ауэ, къуажэм дэс щIалэгъуалхэр, нэхъыжьхэр, щIоупщIэ, «ди благъэ щыIэу пIэрэ?» жаIэу.

ЯфIэфIт къащIэну, хуейт къагъуэтыжыну. Сату IуэхукIэ макIуэ куэд, ауэ абыхэм сату Iуэху зэрахуэу аращ. Ахэри щIоупщIэ кIуа нэужь, ди благъэ зыгуэр щыIэу пIэрэ жаIэу. Ауэ абы зэман уиIэу къомылъыхъуэмэ къыпхуэгъуэтынукъым.

Дэ япэм зэпыщIэыгъэ диIэу щытакъым, Тыркумрэ Къэбэрдеймрэ. Иджы нэхъ хуит хъуащ, кIуэныри къэкIуэжыныри, зыхузфIэкIхэр кIуэну хуейщ, ялъагъуну хуейщ.

Мис иужьырей зэманым сатум теухуауэ Тыркумрэ Урысеймрэ нэхъ зыпыщIа хъуащ, лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI лэныкъуитIкIи.

Мыбы сату нэмыщI къакIуэурэ Тыркум и цIыхухэр ухуэныгъэ гуэрхэми щолажьэ.

Нэхъ зыкIэлъыкIуэ, нэхъ зыпыщIа хъуащи, нэхъ зиужьну дыщогугъу. Дэри абы и фIыгъуэ фIэкIа дэ лъэпкъ мащIэхэм  къытхудэкIынукъым. Ди лъэпкъэгъухэм, ди къуэшхэм дакIэлъыкIэну нэхъ тхуэзэфэкIынущ.


Куэдым яхуейщ Тыркум щыIэ адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ сату IуэхукIэ здэлажьэну,  абы я зэпыщIэныгъэр нэхъ иригъэфIэкIуэну ягугъэщи.

Емуз Баязыт,  Хуитыныгъэ Радио,  Къэбэрдей-Балъкъэр, Налшык

No comments:

Post a Comment