31.7.14

Адыгэ уэрэдхэм зырагъэужьыну елэжьэр мащIэщ


Лъашэ Альберт. УрэджыIэкIуэ цIэрыIуэ. Налшык.

Адыгэм и щэнхабзэ къудамэм и нэхъыщхьэу щыт уэрэдыжьхэр яхъумэну, уэрэджыIэкIуэхэр иужь итыми, иужьырей зэманым щIалэгъуалэм къазэрыщыхъум елъытауэ уэрэдыщIэ Iэджэ иджы утыкум къихьащ. Адыгэ уэрэдхэр щIалэгъуалэм мы зэманым къазэрыщыхуъмрэ иджысту и увыпIэ здэщытым теухуауэ доупщI уэрэджыIэкIуэ цIэрыIуэ Лъашэ Альберт.

Лъашэ Альберт: Адыгэ уэрэдэм и Iуэхур зытетыр, Алыхьым и шыкуркIэ архивхэм итыр мащIэкъым. Ауэ нобэ Адыгэ уэрэдыу ятхыжыр мащIэщ, АдыгэбзэкIэ ятх уэрэдхэр нобэ процент I0-ращ здынэсыр. Абы и щхьэусыгъуэр псоми къагурыIуэу щыррет жаIэри мыбыкIэ Урысыбзэм нэхъ зыратыр. ИтIанэ абыкIэ ахъшэ нэхъ къалэжьыну хуейхэщ.

Хуитыныгъэ радио: Уэ птхы уэрэдхэр сыт нэхъ зытеухуар?

Лъашэ Альберт: Сэ нэхъыбэу стхы уэрэдхэр зытеухуар Адыгэхэр Хэкужьым къызэрагъэзэжын хуейр, Адыгэхэм я бзэр я хабзэр яхъумэн зэрыхуейр, Адыгэхэр зы зэрыхъужын хуейращ. Хамэ къэралхэм сыщыщыIами апхуэдэу уэрэд куэд яхуэстхахэт. Израилым Рехьание уэрэдыр нэгъуэщIхэри. Абы иужь Къэбэрдейм Нарткъалэ хъун, Бэхъсэн хъун, Тэрч, Джылахъстэнейхэм яхуэстхащ.

Хуитыныгъэ радио: Альберт иджырей щIалэгъуалэр нэхъыбэу сыт хуэдэ уэрэд зэдаIуэхэр, Европа, Урысей, е Адыгэ?

Лъашэ Альберт: Ар нобэрей щIалэгъуалэм езым елъытащ. Абы и акъыл, абы и гъэсэныгъэм. Иджы езы Адыгэ щIалэгъуалэр Адыгэ Iуэхум пылъыу, Адыгэ тхыдэр, Адыгэ Тарихъыр фIэгъэщIэгъуэну щытымэ ар зэдаIуэ уэрэдхэр мис а Адыгэм и тхыдэм епха уэрэдхэращ. И унагъуэм АдыгэбзэкIэ щыпсалъэу, Адыгэ хабзэ илъу щытымэ, Адыгэ щIэныгъэлIхэм ятха тхылъхэм Адыгэ уэрэдыжьхэр я унагъуэм иту щтамэ мис а щIалэгъуалэ жыхуэпIэр Адыгэ уэрэдхэращ зэдаIуэнур. Ахэращ абы и акъыл къралъхьари. Сэ Адыгэбзэщ си концертхэр зэрезгъэкIуэкIыр. КъагурымыIуэхэ хъумэ нэгъуэщI бзэкIэ къагурызгъэIуэнкIэрэ хъунущ. Адыгэбзэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. ЦIыхум и бзэр щимыцIыхум деж, ибзэкIэ щымыпсалъэм деж, и културэр зэрымыщIагъуэр къыболъагъу.


ЩIалэгъуалэр нобэрей зэманым декIу уэрэд нэхъ псынщIэхэмкIэ дахьэхыну, ахэр я щэнхабзэр яIыгъыжу щытыну  иужь итщ уэрэджыкIуэхэр.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Тюркие