4.7.14

Адыгэм и нысашэ дауэдапщэм хабзэ куэд пыщIауэ щытащ


Табыш Мурат. Къэбэрдей Бэлъкъэр, Налшык.

Мы зэманым, нэхъыбэу Тыркум щыпсэу Адыгэхэм зэманым зихъуэжащ жаIэу хабзэ гуэрхэр IуагъэкIуэтыми абы и купщIэр хъумауэ а хабзэхэр лъэпкъым, щIэблэм ябгъэдэлъхьэжынымкIэ елэжьхэри мащIэкъым. Нысашэм деж щауэр япэм дауэт зэрыщытыр? и нысашэм хэтыжырэт? щауэм нэхъыжьхэм закъыщIыримыгъэлъагъум сыт хуэдэ мыхьэнэ иIар? иджы мы зэманым дауэ зэрыщытын хуейр? мис апхуэдэ упщIэхэмкIэ Хуитыныгъэ радиом и микрофоным къедгъэблэгъащ Къэбэрдей Бэлъкъэр щэныгъэ къэхутакIуэ энститутым Адыгэ IуэрыIуатэмкIэ и къудамэм я лэжьакIуэ нэхъыжь Табыш Мурат?

Табыш Мурат: Дэ езым ди Адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм АдыгэбзэкIэ деджэну дыхуейм дызэреджэр нысашэщ. Абы къегъэлъагъуэ Iуэхум дауэдапщэ иращIэкIыр нэхъыбэу зытеухуауэ щытыр унэ къырашэну нэрыбгэ цIыкIур, нысащIэ цIыкIурауэ зэрыщытыр. Унэ къырашэ нысащIэм ар къизышэ щауэм ехьэлIауэ упсэалъэу щытымэ щауапIэ кIуэжынур Адыгэм идежкIэ щыхабзэу, ар щыгъэувауэ нобэр къыздэсым йокIуэкI. Си еплъыкIмкIэ къапщтэу щытымэ, къэзышэмрэ къашэмрэ зэуэ зы пщIантIэ здыдихьэжыныр, зэуэ зы лэгъунэ здыщIэхьэжу ар зэрыщIыхьэр нэхъыжьым къалъагъуныр къемыкIуу езэгъырабгъуэу щымыту къысфIощIыр. Щауэр щэуапIэ щихьэкIэ унэидзыхьэ ящIыу щытыми, е нысашэу зыхэсыну унагъуэм къыдашэу щытыми, щIалэм щауэгъу иIэщ, е нэгъуэщыу жыпIэну щытым лъэгъуэжьэгъухэр иIэщ. Е анэшым ящыщыми, е адэшыпхъум идежыми е ныбжьэгъу гуэр щыIэу щытыми  абы йокIуалIэри щауапIэ исщ, ар псоми здыдэтщIэу щыту зы хабзэ гуэрэщ. 

Мыдрейуэ ар щауапIэ исыхункIэ нысэм епха хабзэхэр, унэишэцIыкIури унэишэшхуэри иужькIэ Iэнэ гъэуджыри, гуащэ гъэджэгури зэрыжаIэу махуэ бжыгъэ зэрекIуэкIынур  езым тыраубыдам хуэдизкIэ теухуауэ йокIуэкIыр. Зэгъусэу зэдихьэ жэуэ жыхуэпIэр пэжым ухуейуэ щытымэ лIакъуэ лIакъуэкIэ ухэплъэмэ, Шапсыгъым ядеж щегъэжьауэ мыткIэ Къэбэрдейм нэсыхункIэ укIуэцIырыплъыжыу щытымэ щауэмрэ нысащIэмрэ зэгъусэу здихьэу, зэгъусэу хьэгъуэлIыгъуэм здыхэтыу щытауэ сэ зыщIыпи сыщырихьэлIакъым, жаIэуи зэхэсхакъым. 

Шапсыгъым ядежкIэ мыпхуэдэу щытынкIэрэ хъунущ. Нысэр къыщашэм идежкIэ хамэ къуажэ къырашыу щытымэ, а нысэщIэцIыкIур къыздашэ къуажэм и хэгъуащхьэм къихьэжыхункIэ шу пежьэ, нысэ пежьэ, е нысашэ пежьэ жаIэт икIи пежьэу щытащи щIалэр мис а шупежьэ щIалэгъуалэ гупым яхэту зэ щхьэкIэ пежьэу, иужькIэ къуажэ гъунэм къихьэжа нэужькIэ и ныбжьэгъухэм щIыгъуу хэкIыжыу лъэныкуъэ зыригъэзынкэрэ хъунущ. А зэм идежкIэ щауэр утыку мэхъур.

Хуитыныгъэ радио: Хъыджэбзыр къырахьэжьэущытым, къахьым ар япэ нэс унагъуэм яхьтэкъым ар здырахьэлIэж унагъуэми мыхьэнэ иIэу щытащ, дапхуэдэут хабзэр зэрыщытыр?

Табыш Мурат: Нысэ цIыкIур къыщырахьэжьэкIэ, е къыщагъэкIуасэкIэ абы щыгъуэм идежкIэ къыздырахьэлIэри гъэнэхуащ. Адэ- анэ зыдэс пщIантIэм Iэмал иIэкъым нысэр къырахьэлIэнкIэ. 

Тешэрыщ, е тешэрыпIэ жаIэти нысащIэр мис а щауэр езым ныбжьэгъу е и Iыхьлы гъунэгъу гуэр щыIэу зыщIыпIэ екIуэлIэжу зэрыщытым хуэдэуи, къэшэжыгъуафIэ хъун хуэдэу е и анэ шыпхъу, е и адэ къуэш идежкIэ ирихьэлIэу щытащ. Нэхъыбэм и адэкъуэш идеж ирахьэлIэтэкъым ар лъэпкъым щыщщ жаIэти. Абы щыукIытэти анэшым нэхъ дзыхь ирагъэзти хъыджэбзыр абы ядежкIэ щыст. Пхъурылъхум нэхъ гулытэ лей зэригъуэтыр, пхъурылъхум нэхъ фIэлIыкI иIэу зэрыщытым щхьэкIэ зыхуей хуагъзэнут ядзэ мышыу.

Хуитыныгъэ радио: Щауэм и адэ анэми я нэхъыжьхэми закъыримыгъэлъагъуу щытащ, ар сыт хуэдизырэт, е сыт абы и мыхьэнэр хабзэм теухуауэ?

Табыш Мурат: НысащIэм игъусэу, адэ- анэм, а хьэблэм щыщ нэхъыжьхэм куэдырэ закъыригъэлъагъуу щытакъым. Куэдыр сыт, закъыригъэлъагъухэу щытакъым жысIэмэ нэхъ пэж хъунущ. Апхуэдэ къабзэу щауэр и адэ анэм закъыримыгъэлъагъуу, ятемыхьэу, езым и закъуэ щызогъэтыри къиша и щхьэгъусэ цIыкIум игъусэу нэ лей зытримгъаплъэу апхуэдэу зэманыфI дахыу щытащ. 

Пасэм дыщытепсэлъыхьым идежкIэ хабзэраш зи гугъу тщIыри абы щыгъуэ щыадыгэфакIэ, я хабзэр яхэлъыу ноби зы Адыгагъэ гуэр яхэлъыу  а пасэрейм зыгуэркIэ зедгъэпщэфыу купкъ къытхэнащ Адыгагъэ къытхэнащ жэуэ жытIэн щхьэкIэ абы ещхьыфэу псори абы зэращIам хуэду тхуземыхьэми ещхьу зыгуэр хэлъын хуейщ зыгур дгъэзащIэн хуейщ. 

Абы щыгъуэ хабзэр псэууэ къызэтенэным ехьэлIауэ лъэныкъуитIыми пщэдэкIыж яхь. ЛъэныкъуитIыми щыжысIэкIэ нэхъыжьымрэ щIалэгъуалэмрэ. Ар зытеухуар, нобэ щыIэ щIалэгъуалэм имыщIэнкIэрэ хъунущ, псалъэм и хьэтыркIэ хамэщI щыпсэу Адыгэхэм утепсэлъыхьыу щытымэ, зы унэ бэнзэв щIэсыу, къуажэм дэмысу къалэм екIужауэ къатыбэу зэтет унэхэм щIэсынкIэрэ хъунущи, узэтэмыхьэу зыр зым зыщыбдзейуэ узекIуэфкъым щIагъуэ. Абы щыгъуэм дежкIэ щIалэгъуалэм игу илъщ псалъэм и хьэтыркIэ хабзэм сытетарэт зыгуэр зесхьэфарэт си адэ си анэм пщIэ зэрахуэсщIыр къэзгъэлъэгъуфарэт жиIэу. 

Ар итIанэ къгурыIуэн хуейщ дунейпсо псалъэу, интернасионал псалъэу щыIэщ романтик жыдоIэри, моуэ щIалэгъуалэм игум щыщIэр нэхъ игъэдахэным теухуауэ щытщи мис ар зэрыхъукIэ адэ анэм е нэхъыжьым къыгурыIуэу зыхуэгъэкIуатэм нэсыхункIэ игъэкIуатэн хуейщ. ИтIанэ хабзэм тету нэхъыжьым сыт ищIэу щыта, е щIалэр изакъуэ техьэт, нысащIэцIыку хъуар изакъуэ техьэти мис а зэпэзэрызу зэртехьам нэмыщIкэ зэрызытриубыдэжт иджырикI. 

ПщIэ къытхуэфщIащ, гулъытэ ныфхуэтщIащ Тхьэм и пщIэмрэ и гулъытэмрэр къыфлъигъэIэс, иджы унагъуэр дызэрыхуейм хуэдэу псэууэ девгъэжьэж жаIэти нэхъыжьхэм зы унафэ гуэр ящIырт,зы щIыпIэ гуэр щIаубыдэрти щауэмрэ нысэ цIыкIумрэ зэгъусэу ятехьэнуми зэпэщхьэхуэу ятехьэнуми зы хуитыныгъэ гуэр нэхъыжьым къыбгъэдэкIыу яритти хабзэр нэхъ зыщымыкъуа, мыкъута хъууэ апхуэдэу къэгъуэгурыкIуэрт. 

Си гугъэмкIи хамэщI щыпсэум хабзэ зехьэнымкIэ тIэкIу къин хэтхэм мыпхуэдэ зы щытыкIэ зы Iуэху бгъэдыхьэкIэ гуэр зырахьэу щытымэ мы нэхъ лалэу, къэлэламикIи шыныбэпхыр къэмытIэтапэу зыгуэр зыхуагэкIуэтэну къыщIэкIынущ.


Нысашэ дауэдапщэм и купщIэр хъумауэ ар нобэрей зэманым дырагъэкIуну Къэбэрей Бэлъкъэрым абы елэжь щIалэгъуалэри мащIэкъым.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Къэбэрдей Бэлъкъэр, Налшык

No comments:

Post a Comment