3.7.14

Домбай дагъэтIысхьащ Украинэм щыщ нэрыбгэ щищым щIигъу


Украинэм щекIуэкI зэхэуэхэм къырихужьа Iэпхъуэшапхъуэхэр къырашэлIащ Къэрэшей-Шэрджэсми. Домбай жылагъуэм зэманкIэ дагъэтIысхьащ нэрыбгэ щищым щIигъу. ЦIыхухэр зыхуэныкъуэну псори хузэрагъэпэщащ, дэфтэрхэри къыхуратхыкIащ. Iэпхъуэшапхъуэхэм и нэхъыбэр бзылъхугъэщ, сабий цIыкIу куэди яхэтщ. Ауэ Украинэм къикIахэм яхыболъагъуэр зи къару илъыгъуэ хулъхугъэхэри. Абы ящыщ зым зыхуэдгъэзати и хъыбарыр къытхуиIуэтащ. Артем Маршелин Донецк къалэм щыщ, зэхэухэр къыщежьам Украинэм и дзэ къарухэм къулыкъу щищIэт:     
   
Украинэм и къуэкIыпIэ хэгъуэгум дыщагъакIуэм, даурэт си лъэпкъэгъухэм сызэразэуэнутэр. Щэхуу сакъыхэкIыжащ. КъызгуроIуэр сщIар зэрыхабзэншагъэр, ауэ нэгъуэщIу хъунутэкъым. КъулыкъущIэ куэд пылъащ дэфтэрхэр ятху къэралым и дзэ къарум къыхэкIыжыну, арщхьэкIэ къыхуадакъым. Украинэм пэщIэува цIыхубэми сахэхьакъым, къулыкъу къыздэсщIахэр даурэ сыукIынут. Пэжу жысIэнщи, пхузэхэцIыхукIынукъым зэзауэхэр. ЩIэпхъэджащIэ гупхэр куэду дэтщ. Уеблэмэ, къуэкIыпIэ хэгъуэгумкIэ дызэрашэу Украинэм и дзэ къулыкъум дазэрыщыщыр къэзыгъэлъагъуэу ди щыгъынхэм теда псори трыдагъэчащ. Аращ щIыжысIэр зэзауэхэри къыбгурыIуэнукъым. Си лъэпкъэгъухэр схуэукIынутэкъыми, Урысейм сыкъэкIуэныр къыхэсхащ. Пэжу жысIэнщи, ипэ махуэхэм сынэщхъейт, си гъащIэр адэкIэ зэрыхъунум сегупщыст. Къулыкъур къызэрызгъэнам щхьэкIэ си къэралым щIэпхъэджащIэу сабж, псэупIи сиIэжкъым, жысIэри. Аурэ Урысейм дыкъихьэри, цIыхухэр гуапэу къыщытпежьэм си гум зыкъиIэтыжащ.

Домбай жылагъуэм къыдагъэтIысхьа Украинэм къикIа Iэпхъуэшапхъуэхэм и нэхъыбэм псэупIэ яIэжкъым. Хъэпшып нэхъ зыхуэныкъуэхэр къащтэри къыдэкIахэщ я къэралым.  Я къэкIуэнум егупщыс цIыхухэр нэщхъейхэщ, къопсэлъэну хуейр мащIэщ. Абы ядэлажьэ психологхэм зэрыжаIэмкIэ сабийхэращ дэIэпыкъуэгъу нэхъ хуэныкъуэр. Украинэм къикIахэм яIущIащ Къэрэшей-Шэрджэсым и Iэтащхьэ Темрезов Рашид. Абы зыригъэлъэгъуащ цIыхухэм псэупIэ яхуэхъуа пэшхэр, я упщIэхэм жэуап иритащ. КъызэрыщIэкIамкIэ, Домбай дагъэтIысхьа куэдым Урысеим ику ит хэгъуэгухэмкIэ яунэтIын я мурадщ. ЗэрыжаIэмкIэ абыкIэ дэс я Iыхьлыхэм, я ныбжьэгъухэм ираджэр. Мыбдеж зэманкIэ псэупIэ щызыщIыну хуейри мащIэкъым. Хэгъуэгу Iэтащхьэм ахэр къигъэгугъащ зэрыхузэфIэкIкIэ защIигъэкъуэну. Украинэм къикIа Iэпхъуэшапхъуэхэм я Iуэхухэм кIэлъыплъынущ хьэкумэтым и унафэщI Къэрдэн Мурат я пашэу зэрагъэпэща гупыр.  Зэхэуэхэм къырихужьа цIыхухэр нэхъыбэу здэщыIэ Ростов хэгъуэгум куэд щIакъым тони-9 зи хьэлъагъ шхыныгъуэхэр, псы къабзэр хурагъэшащ. Иджы Черкесск деж къызэрагъэпэщащ Iэпхъуэшапхъуэхэм зыщIэзыгъэкъуэну хуей къалэдэсхэр здекIуэлIэну щIыпIэхэр. 

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ радио, Черкесск

No comments:

Post a Comment