Ехъутэныдж Хьэсэн. Тхыдэ щIэныгъэлI. Къэбэрдей Бэлъкъэр, Налшык.
Адыгэхэм ижь ижьыж лъандэрэ яIэу щыта лъэпкъ дамыгъэхэр, шы дамыгъэ къудейуэ щымыту ар лъэпкъыр зэпызыщIэ, цIыху къэс и фIэщыгъэцIэм нэхърэ нэхъапэ ирагъэщу апхуэдэ мыхьэнэ иIэу щытащ. Адыгэ лъэпкъ дамыгъэхэр къепщытэж, лъэпкъым и пащхьэ ар къырилъхьэжыну Къэбэрдей Бэлъкъэрым тхыдэ щIэныгъэлI Ехъутэныдж Хьэсэн. ЩIэныгъэлIым доупщI и лэжьыгъэм дыщигъэгъуазэну?
Ехъутэныдж Хьэсэн: Адыгэхэм дамыгъэм мыхьэнэ зэмылIэужьыгъуэ иIэу илъэс мин бжыгъэкIэ уIэбэжымэ дамыгъэхэр зэрахьауэ ухуозэр. Я хьэпшыпхэм тетыуэ, я Iэщэфащэм тетыуэ, нывэхэм тетхауэ. ЗэрыхуагъфащэмкIэ щIэныгъэлIхэр мыбы и къежьапIэмкIэ зэгурыIуэхэкъым.
Иныкъуэм жаIэр, ‘дамыгъэр тхыбзэ, тхыгъэ гуэрыу хьэпшып гуэрэхэр ирагъэщIэращIэу уагъэ гуэр хадзам къытекIащ’ жаIэ. Мыбдейхэм жаIэр, ‘ГъэщIэрэщахэр, уагъэхэр дамыгъэм къытекIащ‘ жи. Ауэ мыбы ныбжьышхуэ иIэщ. Мэжуси зэманым щыгъуэ, а хьэпшыпхэм, а дамыгъэхэм, Тхьэ пэлъытэу къалъытэу, ахэр дыуэ папщIэу щызэрахьи щыIахэщ. МыткIэ къакIэурэ курыт лIэщIыгъуэхэм пщы уэркъ, къызэрыгукI, лIакъуэу щызэхидз зэманым щыгъуэ мыхьэнэшхуэ иIэ хъуащ.
Мыр дэ ди унэцIэ ди унэкъуэщхэр дызэрыщIэжыу ди дамыгъэщ жаIэу. ЦIыхум и унэцIэр щыжаIэм идеж цыхур нэхъ егъэукIытэ, егъэпагэ, къыгуроуэ а и унэцIэмкIэ къыщеджэм деж ар яцIыхуу щытауэ зэрыщытыр, аращи и унэцIэм пщIэ хуищIыжын хуей мэхъур. АткIэ зиужьыурэ Адыгэм Iэщышхуэ яIэу щытащ, Адыгэм я лIыгъэ, я джатэр щыжаным щыгъуэ шы гуартэ куэд яIащ. Мис абдежи дамыгъэм мыхьэнэшхуэ щиIэ мэхъу. Адыгхэм я лъэпкъ къэсыхукIэ зы унэцIэ гуэрым и шы лъэпкъэгъу къигъэхъуу щытащ, псалъэм папщIэ, Щолэхъухэ яш, Къундетхэ яш жаIэу.
Абы дамыгъэм нэхърэ мыхьэнэ иритащ. Абы къыхэкIыу шыдамыгъэр, шым гъэплъауэ традзэр лъэпкъым илъыу, ар и адэшхуэм икъуэм иритыу, ар абы иритыжыу. Ухуозэ нобэр къыздэсым я адэжьхэм я дамыгъэр унагъуэм илъу зезыхьэ щыIэщ. Дэ иджыпту шы гуартэ диIэкъым ауэ, нобэ лъэпкъыр дыризэрыцIыхужыну зэунэкъуэщхэр дызэрыгъуэтыжыну абы мыхьэнэшхуэ иIэщ.
Псалъэм папщIэ, сэ иджы си лъэпкъ дамыгъэр си машынэм тету сокIуэ, къуажэ гуэрым сыдохьэри, абы сэ си унэкъуэщ дэсыми дэмысыми сщIэкым ауэ, ар пасэрей зэманым шым тет дамыгъэмкIэ а шур зейр къызэращIэм ещхьыркъабзэу абы сэ сыкъецIыхур. Я куэбжэхэм традзэр, я сынхэм традзэ, я визит къезгъэблагъэ тхылъымпIэцIыкIум тратхэр, магазин, фабрик зиIэхэм традзэри ари нобэрей дамыгъэ нобэрей нэщэнэ хъуащ. Дамыгъэм нобэ зэунэкъуэщхэр зэрегъэгъуэтыж.
Нобэ Адыгэри къоуш Тхьэм и шыкуркIэ, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэухэр унэкъуэщ хасэ щащIыурэ я Iыхьлыхэр къагъуэтыжу, Сириеми, Тыркуми я унэкъущхэр къырагъэблагъэурэ зэунэкъуэщхэр щызэрыцIыхужым деж абы а ныпыр ягъэувыри я лъэпкъ дамыгъэр тетыуэ абдеж ар зымыцIыхуми къегъуэтыж, унэкъуэщхэр зыхуэшэса мэхъуж.
Хамэ къэрал щыпсэу Адыгэхэми я лъэпкъыцIэ, я дамыгъэр нэхъ къагъэсэбэп хъуащ интернетым дежы щызэхуэтхэхэм дежи.
Емуз Баязыт, Къэбэрдей Бэлъкъэр Хуитыныгъэ радио, Налшык