6.6.14

Тыркумрэ Хэкужьымрэ АвтобускIэ зэкIэлъыкIуэф зэрыхъуам щогуфIыкIхэр

Автобус Фирмам и лъэжьакIуэхэр. Налшык я офисым деж, КБР, Налшык

СэмэгумкIэ Тхьэкъуахъуэ Мурат, Автобус фирмам къэбэрдей и къудамэм и тхьэмадэ. Емуз Баязыт. КБР, Налшык.

Накъыгэм етIыуанэ тхьэмахуэм къыщыщIэдзауэ Тыркумрэ Хэкужьымрэ якум тырагъэува автобус гъуэгум и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр лъэпкъыр нэхъыбэу зыкIуэлъыкIуэн щхьэкIэщ. Гъуэгур нэхъ кIыхьыми цIыхухэм хьэпшып нэхъыбэ къыздащтэфыну, иIанэ гупыу заплъыхьу кIуэну нэхъ дехьэххэр, абы нэмыщI нэхъ пудуи щытщ. “Ди Адыгэ цIыхубэм я гуапэ хъуащ, къытхуащIхэр“ ЖеIэ Афтобус фирмам Къэбэрдей къудамэм и унафэщI Тхьэкъуахъуэ Мурат.

Тхьэкъуахъуэ Мурат: “ЦIыхухэм Iейуэ я гуапэ хъуащ мы Iуэхугъуэр. АвтобусымкIэ Тыркум дыкIуэу зэрыщIэддзэ лъандэрэ езыхэр мыкIуэнуми къащIыурэ къыдохъуэхъухэр, ‘Мыр лъэпкъымкIэ сэбэпышхуэщ‘ ЖаIэри. Мыр куэд щIауэ къызэIутхын хуея Iуэхут. ЗэрыфщIэщи Тыркум Адыгэ милион 5-6 нэс щопсэу япэм кIуэ къэкIуэжыр кхъухьлъатэкIэт, абыкIэ цIыху мащIэщ кIуэфыр. Нэхъыбэу щIэкIуэхэр я благъэ я Iыхьлы ялъагъуну, итIанэ сату Iуэху ящIэнуми аращ. ИтIанэ илъэс I50 лъандэрэ зэпэIэщIэ хъуа лъэпкъыр мы гъуэгумкIэ нэхъ зэпэгъунэгъу, нэхъ зэкIэлъыкIуэ хъуну щытщ. Ар лъэпкъымкIэ къытщхьэпэнущ. Мы Iуэхугъэм Тыркум щыIэ ди лъэпкъэгъухэри Iейуэ щыгуфIыкIахэщ. Ахэр къыщIоупщIэ, ’Хэкум дынакIуэм дэнэ дыкъыщыувыIэну, дапхуэдэ щIыпIэхэм дыщыпсэу хъуну‘ Жэуэ. Ди гуапэ мэхъу хамэ къэрал щыIэ ди Адыгэхэм апхуэдэу я Хэкужьым къыхуэпабгъэу зэрыщытыр. Дэри зэрытхуэзэфIэкIымкIэ дадоIэпыкъу.

Фирмам Налшык щыIэ и унафэщIым къызэрыджиIамкIэ, Автобусхэр Бэрэжьей махуэ къэс Станбул сыхьэтыр I6.00-м къытокIыр, Анкара къалэм сыхьэтыр 23.00-м къосыр, итIанэ Куржы къэралымкIэ.

Иджыри зы автобус бэрэжьей махуэ къэс сыхьэтыр 20.00-м Кайсери къалэ къытокI, Сивас къалэ дохьэ, аткIэ Куржы щIыгъунапкъэм автобуситIыр зырохьэлIэр. Абдеж гуэгурыкIуэ бжыгъэм елъытауэ  зы автобусым гъуэгур къыпещэ. Виладикавказ, Налшык, Майкоп жэуэ.

Щигъэзэжыр щэбэт махуэ къэс Майкоп токIыр сыхьэтыр 09.00-м идеж. Пятигорск сыхтэтыр I3.30, Налшык I5.00-м, Виладикавказ I6.00-м токI. Автобусыр Станбул къыщыщIэдзауэ Налшык нэс сыхьэт 27-кIэ тотыр. Ар щIыгънапкъэхэм щымыгувэмэ. Иуасэри Налшык- Станбул нэс зы лъэныкъуэр рублей 3.500-рэ. Ар доллэр I00  мэхъур.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Къэбэрдей Бэлъкъэр, Налшык