16.6.14

Хэкурыс Адыгэмрэ хэхэс хъуахэмрэ гупсысэ зэтемыхуэ Iэджэ яIэщ

СэмэгумкIэ, Емуз Баязыт, Бакъ Зера, Къардэн Рузана, Хьэмыкъуэ Залина, Борэн Арина, Къуэрсокъуэ Залина, Мэлей Назирэт.
  
Я хэкум щыпсэу Адыгэхэмрэ, хэхэс хъуа нэхыбэмрэ сыт хуэдизу зэадыгэгъуми я щытыкIэ, я гупсысэ зэтемыхуэ яIэхэщ. Ар зэман куэд щIауэ зэпэIэщIэу зэрыпсэухэра, е зыщыпсэу къэралхэм елъыта? Мис а упщIэхэм теухуауэ зыхудогъазэ Къэбэрдей Бэлъкъэр университетым бзэ щIэныгъэхэмрIэ профессор Бакъ Зера?

Бакъ Зера: “Тыркум ис Адыгэри, Америкэм ис Адыгэри Кэбэрдейм ис Адыгэм ар зэикI ещхьынукъым. ЩIэмыхъунур, мис лъапсэр здэщыIэр мыбдежыращ. Лъапсэм ауэ АдыгэбзэкIэ упсалъэ къудейкъым къищтэр. Тыркум уису фIыдыддэу АдыгэбзэкIэ упсалъэнкIэ хънущ, Америкари аращ. Хэкум щыIэ Адыгэмрэ абыхэмрэ зэикI щIызэтемыхуэнур, мыр езым и лъабжьэу и къупщхьэм хэту, илъым хэту Адыгэм и гъащIэ лъандэрэ зыхуихьэсащ ар, и код-м хэту къокIуэ. Иджы тIэкIу и адэ анэм я делагъэкIэ бзэр IэщIагъэхуами, хабзэр унагъуэм имылъым къыхэкIыу, къэзылъхуам яхэмылъыми мы щIым ущыпсэумэ, мы лъапсэм ущыпсэумэ уэ укIуэдкъым, Адыгэ лъэпкъым уафIэкIуэдкъым. Уэ уи Iуэхурэ, уи фIыщIэрэ уи щытхъурэ хэмыту езыр апхуэдэу Адыгэ уохъу. ИтIанэ ар апхуэду зыщхьэщыкIын хуей щIэхъуам и щхьусыгъуэ нэхъ иныр зэджэ тхылъхэращ. Иджы Тыркум щыпсэум езым зы тхылъ гуп йоджэр, и манталитетыр Тыркум и законкIэ и хабзэмкIэ мэпсэур. Америкам ейр нэгъуэщI зы гуп йоджэр. Уи библиатекэр здэщыIэракъым уи хэкур жи. А тхылъ гуп узэджахэр зыщхьэщокIыри а тхылъым уеджа къудейкъым . Дэ дызытехуэ хуэду, ауэ дызытемыхуэу щытщ. Ди гупсысэ зыщхьэщыкIар къызэрыпхуэщтэжынур узэрызэхуэзэжынур тхылъ I0 дызэгъусэу деджэну аращ.“

Хуитыныгъэ радио: “Тхылъэ еджэныр щIалэгъуалэм яфIэфIкъым абы сыт ещIэн хуей?

Бакъ Зера: “Мис мыбдеж щысхэри аращ, Адыгэ литературэм хуеджэ мыбдеж щысхэр зы тхылъ ипэм деж къыщыщIидзэу икIэм нэс еджэн яхэткъым. Сыт иджы абы етщIэ хъунур? Ди зэманым нэхъ хьэлэмэтдыдэу ди лэжьыгъэу щытар тхылъырат.

Хуитыныгъэ радио: “Тхылъ емыджэхэм щхьа сыт щIэн хуейр, абы теухуауэ я гупсысэхэмкIэ доупщI егъэджакIуэу къэзыухуахэм?

Уэлджыр Арина: “Иджыпсту тхылъым еджэныр нэхъ гъэщIэгъуэн ящыхъун хуейщи, абы зыгуэру хуэшэн хуейщ, иджырей щIалэгъуалэр абы елэжьын хуейуэ къысщохъу.

Къардэн Рузанна: “Тхылъ емыджэу щытыми Адыгэ хабзэр, адэ анэм къащIэна Адыгэ хабзэр нэхъыжьхэм дэплъейуэ быныр апхуэду гъэсэн хуейщ. Апхуэду бгъасэу щытым Адыгэбзэри зэрагъэщIэну иужь итынщ.

Хьэмыкъуэ Залина: “Тхылъ емыджэу яфIэгъэщIэгъуэну щымытыми,я лъэпкъым, я тхыдэм дихьэхыу щытын хуейщ. Я адэ анэм я нэхъыжьхэм едаIуэу щытын хуейщ.

Борэн Арина: “Адэ анэр лъэпкъ зэрызу щытыми, щхьэж езбы и хабзэр иIыгъыжщ, пщIэ хуищIыжу. Анэр Адыгэбэ зэрыхузэфIэкIкIэ и быным хилъхьэну къыщIэкIынщ Адыгагъэ, Адыгэ хабзэр. Ауэ абыкIэ модрей лъэпкъым и хабзэри хиутэну къысщыхуъкъым.

Къуэрсокъуэ Залина: “Сэ тIэкIунитIэ Зера жиIамкIэ сымыарэзыуэ къыщIэкIынщ. Сэ сы егъэджакIуэщи, сэ Iэмал сгъуэтыху тхылъ семыджэу сыкъанэкъым. А техника жыхуэфIэр си ажалщ, тхылъ седжэм нэхъ къызощтэ. Ауэ иджыпсту екIуэкIыр зи зэраныр мис мы экономика псэукIэ, бэзэр псэукIэращ. Адэ анэр хущIэхьэкъым. Хъыбарыжьхэм, Адыгэм я блэкIам, къыхэщ таурыхъхэм едаIуэм фIэгъэщIэгъуэну къотэдж, зыгуэр седжарэт, зыгуэр зэхэсхарэт жэуэ. Аращи псом япэ унагъуэращ.

Къэбэрдей Бэлъкъэр университетыр сыт илъэныкуъэкIи ядоIэпыкъу хэхэс Адыгэхэм ябзэ, я хабзэр яхъумэнымкIэ. АдыгэбзэкIэ егъэджакIуэхэм жаIэ, “Хамэ къэрал щыпсэу Адыгэхэм сэбэп дахуэхъун щхьа а къэрэлдыдэм дыкIуэунщ тхузэфIэкIымкIэ дадэIэпыкъуну“ Жэуэ.

Емуз Баязыт, Хуитыныгъэ радио, Къэбэрдей Бэлкъэр, Налшык