10.6.14

Израилым къикIа профессорыр тетхыхьынущ беслъэнейдэсхэм зэрахьа лIыгъэм


Профессор Яир Орон сэмэгукIэ, Кфар-Кама дэт адыгэ музейм и тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьер ижьымкIэ

Хэку зауэшхуэр екIуэкIыу Бесленей къуажэдэсхэм Ленинград сабийхэр зэрахъумам и хъыбарыр зэрыдунейпсоууэ щыIуащ.  Иджыблагъэ Тель-авив къикIри къуажэм щыхьэщIащ  профессор Яир Орон.

Ленинград сабийхэр зыхъума беслъэнейдэс анэхэм я фэеплъым зэрыIуплъэу зи ныбжь хэкIуэта щIэныгъэлIыр лъэгуанжьэкIэ тIысри щхьэщэ яхуищIащ.

Яир Орон Тель-Авив дэт къэхутакIуэ универстиетым и профессорщ. Геноцид зыращIылIа лъэпкъхэм ятеухуа хъыбархэр зэхуехьэс, тхылъхэр къыдегъэкI. Абы фIэгъэщIэгъуэн хъуащ зауэм щыгъуэ, нэмыцэхэм ящымышынэу къажэдэсхэм журт сабийхэр зэрахъумар. Ар къыщыхъуар 1942 гъэм и шыщхьэIу мазэращ. Беслъэней къуажэм  къыщыувыIат шыгу зэщIэщIахэр гъаблэмрэ, узымрэ зэщIищта сабий ибэхэр ису. Ахэр драшейт Теберды лъэныкъуэмкIэ.  Къуажэдэс бзылъхугъэхэм нэхъ къарууншэхэр къагъэнэри езыхэм я бынхэм хуэдэу япIащ.

А махуэр фIыуэ ецIыхуж Лахъу Шурэ:

«А гъэм лажьэт Хъусин Лахъухэ, Уэхъутэхэ ПIатIэ старостэ хуэдэти, къуажэр  зэхуашэсри  унафэ къахьащ сабийхэр зэрахъумэнур. Пщыхьэщхьэм дэфтэрхэм иратхэри, пщэдджыжьым къуажэдэсхэм нэрыбгэ 32 къахэхъуауэ нэху къикIащ»

Белъэнейхэм зэрахьа лIыгъэр нэхъри къыбгуроIуэр Теберды лъэныкъуэмкIэ драшея сабийхэр иужьым  зы къэмынэу нэмыцэхэм зэраукIар.  А хъыбархэр щызэхихым Яир Орон мурад ищIащ Беслъэней къакIуэу нэхъыжьхэм жаIэжхэм хэдэIуэну, псори и нэкIэ зыригъэлъагъуну»

Яир Орон, Тель-Авив дэт къэхутакIуэ университетым и профессор:

«Куэду си гуапэ зы махуэкIэ апхуэдиз си щхьэм зэрихьар. ИтIани согъэщIагъуэр къажэдэсхэм зэрахьа лIыгъэр, цIыхугъэр. Мы адыгэ къуажэм и хъыбарар псоми язгъэщIэну сыхуейщ. Абы къинэмыщIауэ, сэ селэжьынущ адыгэ лъэпкъым геноцид къызэрыращIылIам теухуауэ. Ар сэ си пщэрылъу къэслъытащ. Сэ сщIэт адыгэм и тхыдэм зауэ гуауэ зэрыхэтар, ауэ апхуэдэу кууэ селэжьатэкъым»

Яир Орон Беслъэней къыщIэкIуа журт сабийхэм я хъыбархэм къинэмыщIауэ фIэгъэщIэгъуэнт адыгэм я псэукIэр, я хабзэхэр. Абы зыригъэлъэгъуащ къуажэ мэжджытыр, Кавказ зауэм хэкIуэдахэм я фэеплъ сыныр здагъэува кхъэми дэхьэри тхьэ елъэIуащ.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск

Яир Орон фэеплъым и пащхьэм лэгуанжьэкIэ тIысри щхьэщэ яхуищIащ журт сабийхэр зыпIыжа анэхэм


Профессор Яир Орон сэмэгукIэ, Кфар-Кама дэт адыгэ музейм и тхьэмадэ Тхьэухъуэ Зухьер икум итщ, ижьымкIэ щытщ Урысейм и адыгэ лъэпкъ щIэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Александр

Яир Орон Беслъэней къуажэм и нэхъыжьхэм я гукъэкIыжхэр етхыр