10.6.14

КъБР: Мыарэзы пэкIум и къызэгъэпэщакIуэу щытам шэ къыкъуахар имейуэ жеIэ


 Сочэ ЩIымахуэ Олимп джэгухэр къыщызэIухым абыкIэ мыарэзыуэ Налшык деж пэкIу щекIуэкIар къызэзыгъэпэщауэ щыта Iэхъуэхъу Андзорфочышэ къыкъуахахэр ейуэ зэрагъэкъуаншэр пцIы къытралъхьэу, абыкIэ къытракъузэну еужь итхэу къелъытэр езым.

Налшык къалэм и къэрал кIуэцI Iуэхухэм елэжь IуэхущIапIэм утыку къызэрырилъхьамкIэ Iэхъуэхъу Андзор фочышэ къызэрыкъуахам ехьэлIа къэхутэныгъэхэр зэфIигъэкIри а Iуэхур прокурор IуэхущIапIэм иритыжащ.

НэхъапэIуэкIэ утыку къызэрихуам ипкъ иткIэ мазаем и 7-м Налшык деж   хабзэхъумэхэм къызэпаудауэ щытащ а махуэм Сочэ 20I4 гъэм и ЩIымахуэ Олимп джэгу къыщызэIуахамкIэ зи мыарэзыныгъэ къэзыгъэлъагъуэхэм ирагъэкIуэкIыну иужь ихьа пэкIур.

Республикэм и прокурор IуэхущIапIэм утыку къызэрырилъхьамкIэ псори зэхэту абы щыгъуэм  цIыху 29-рэ яубыдахэу щытащ.

Мазаем и 8-м Налшык къалэ хьэкумым унафэ къызэрищтамкIэ ахэм ящыщ цIыхуихым тезыр тралъхьащ. Нэхъ иужь дыдэу ахэм ящыщу  къаутIыпщыжауэ щытар Iэхъуэхъухэ Андзоррэ, Асланбекрэ. Ахэр хуит къыщыхъужар мазаем и I7-ращ.

Iэхъуэхъу Андзор гъатхэпэм и 11-м зыхэгъэкIакIуэ комитетым зыхуигъэзауэ щытащ ар щагъэтIысам щыгъуэ лей къытрагъэхьауэ, абы иужькIэ къэрал хабзэхъумэхэм къытракъузауэ жери. АдэкIэ абы къыхигъэщат абы и унэр къызэращар и лэжьыгъэм теухуауэ, хабзэм къемызэгъыуэ, икIи и хуитыныгъэхэр якъутэу. Налшык къалэ къэрал кIуэцI Iуэхухэм елэжь IуэхущIапIэм щыIэ Щоджэн Руслан зэрыжиIэмкIэ Iэхъуэхъу Андзор и унэр къаща нэужьым абы теухуауэ хабзэм здебэкъуа Iуэху къаIэтащ фочышэ къыкъуахауэ и лъабжьэ щIэлъыу. Абы и унэр тIонейрэ щIащыкIащ. Ар мазаем и 7-мрэ и 28-мрэ.  

«Iэхъуэхъу Андзор фочышэ къызэрыкъуахам теухуауэ хабзэм зэребэкъуамкIэ Iуэхур зэхагъэкIащ. Ар прокурор IуэхущIапIэм хэплъэнухэу иратащ. Iэхъуэхъу Андзор фочышэ и унэ зэрызэрихьэмкIэ хабзэм ебэкъуауэ ягъэкъуаншэр» - жэуэ «Кавказ узелым» жриIащ Щоджэн Руслан.  

Iэхъуэхъу Андзоррэ абы и уэчылымрэ ар зэрагъэкъуаншэ Iуэхум хэплъащ. ИкIи уэчыл Къып Мадинэ зэрыжиIэмкIэ Iэхъуэхъум мазаем и 7-рэ, и 28-рэ и унэр къыщащам щыгъуэ къыIахауэ щытахэр псори иратыжащ адыгэ ныпитI къыщынэмыщIа. «Абы и Iэщэ къыкъуахахэри къратыжащ. Iэщэхэр абы зэхуихьэсыу арат, икIи абы теухуауэ къэралым хуит къищIауэ щытт»- жиIащ Къып Мадинэ. АдэкIэ абы къызэрыщIигъумкIэ Андзор иджыпсту зэрагъэкъуаншэрзауэм и дейж къыщагъэсэбэп шэхэр къыкъуахауэ аращ.

Мы Iуэхум теухуауэ и еплъыкIэмрэ, абы и хэкIыпIэу илъагъумрэ  Хуитыныгъэ Радиом къыжриIащ езы Iэхъуэхъу Андзор.

Iэхъуэхъу:  Мыр уемыгупщысу  жыпIэ хъунущ, мыр урыс къулыкъущIэхэм ялъ ящIэжыу аращ, дызэкъуэувауэ ди адэжьхэм я пщIэр зэрытIыгъам щхьэкIэ, адыгэ хэкум и хуитыныгъэм папщIэ зи псэр зытахэм я пщIэр зэрытIыгъам папщIэ. Ахэм фэеплъ сын Ермоловым, Зассым, Суворовым  зи Iэдакъэм нэс адыгэлъым иутахэм хуагъэувхэр. Дэ къытпаубыдым и мызакъуу, ахэм псори тщагъэгъупщэну иужь итщ. Дапхуэдэу мыхъуми, сагъэтIысыу щытми сэ зыкIи сыщIегъуэжкъым, зэманым къигъэзэжами апхуэдэ къабзэт зэрыхъунур. Iуэхур сэ къызэхьэлIауэ щытмэ сэ сышынэу ахэм салъэгъунукъым, сыгузавэми сымыгузавэми сышынэу салъэгъунукъым». 

«Къэбэрдей конгресс» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Бейщто Аслъэн къыэрилъытэмкIэ Iэхъуэхъу Андзор хабзэхъумэхэр и ужьым зэримыкIыр цIыхубэм я еплъыкIэм IейкIэ зэран хуохъур.

«Iэхъуэхъум апхуэдизыу иужь зэритхэр дапхуэдиз акъылим къигъэув гъунэми фIокIыр. Ар къэрал хабзэм зэребэкъуауэ щыта Iуэхугъуэм техуэ тезырыр ишэчакIэщ. ИкIи  ар абы ухэхьэзыру щытат»- жэуэ «Кавказ узелым» жриIащ Бейщто Аслъэн.

АдэкIэ абы къызэрыдыщIигъуамкIэ а къекIуэкIыр абы къызэригъэпэщауэ щыта пэкIум папщIэ ялъ ящIэжым хуокIуэр. «Мыпхуэдэу иужь къызэритхэр адыгэ IуэхущIакIуэхэм ягум зэрытемыхуэм къакIуэну зэманым зыгуэр къикIынущ. Тезырыр ящIам пэкIуэу щытын хуейщ. Иджыпсту нэрылъагъущ, ящIамрэ абы хабзэхъумэхэм ирагъэшэчымрэ фIыуэ зэрызэщIхьэщыкIыр» жиIащ Бейщтом.

Къэбэрдей Балъкъэр. Хуитыныгъэ Радио. Баркук Инал