13.6.14

Налшык деж муслъымэн 50-м шхэн щагъэтащ

ЗэхэгъэкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкIыху яубыдахэр здаIыгъ езанэ  Налшык лъэхъуэщым ис муслъымэн тхущIым мыарэзыуэ шхэн щагъэтащ.

Ар Хуитыныгъэ Радиом мэремым къыжриIащ, зызгъэмэжалIэхэм ящыщ Ахкубеков Азэмэт и уэчыл Шак Лизэ.  Нэрыбгэ 50-м мэжэлIэн щIадзащ мэкъуауэгъуэм и 12-м.

Шак Лизэ: НтIэ пэжщ ахэм шхэн щагъэтащ. ЗэхэгъэкIыныгъэхэр ирагъэкIуэкIыху яубыдахэр здаIыгъ хьэпсэ унафэщIхэр хуабжьу ткIийуэ къахущытщ.

ЦIыху мыарэзыхэм шхэн щIыщагъэтахэм апхуэдэу ящыщщ Iыхьлыхэм къыхуахьхэр зэрырамытыжыр. Ахэр армырми дунейм къыпыбзыкIауэ щытщ, абы и гущIыIужкIэ яIэ хуитыныгъэхэри якъутэ.

Мыарэзыуэ зызгъэмэжалIэхэм зэражаIэмкIэ, хьэпсэм зэрис щытыкIэхэр нэхъри йокIакIуэ муслъымэн нэщI мазэр щыщIидзэну мэкъуауэгъуэм и 28-р къэгъунэгъуху. Хьэпсэ къулыкъущIэхэр пэрыуэгъу мэхъу муслъымэнхэм нэмэз щащIкIэ, жэщкIэ уэздыгъэр ягъэункIыфI.

Муслъымэн 50 зызгъэмэжалIэхэр 2005 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIа теуэныгъэмкIэ ягъэкъуаншэхэращ. Апщыгъуэм жэпуэгъуэм и 13-м IэщэкIэ узэда гупхэр теуат Налшык дэт къару къулыкъущIапIэхэм.

ХабзэхъумэкъулыкъущIэхэм къызэратамкIэ, теуэныгъэм хэтащ 200-м  нэблагъэ. Ахэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщт,  я ныбжькIэ, ику иту,  илъэс 17-м къыщыщIэдзауэ 30-м нэсу.

МахуитIым нэблагъэкIэ екIуэкIа зэхэуэхэм хэкIуэдащ мамыр цIыху 13,  къару къулыкъущIэу 35, теуэныгъэм хэтауэ зыхуагъэфэща 93. ТеуэныгъэмкIэ гурыщхъуэ хуащIу яубыдащ нэрыбгищэм нэс. Республикэм щыщ куэдым къалъытэ, террористу жаIэу яукIахэм я нэхъыбэр мамыр цIыхухэу, зэрымыщIэкIэ зэхэуэм хэхуахэу.

Налшык теуэныгъэмкIэ ягъэкъуаншэу иджыпсту хьэкум пащхьэ итщ нэрыбгэ 57. Ахэм я нэхъыбэм къуаншэу зыкъалъытэжкъым. Хьэкъум хьэкъым къеджэн щIадзэн хуейщ мы мазэм и 30-м щегъэжьауэ. Прокуратурэр мэлъаIуэ нэрыбгэ 57-щыщу 7-р игъащIэ псокIэ хьэпсэм ирагъэтIысхьэну.

2005 гъэм щыIа теуэныгъэм  ущхьэгъу хуэхъуащ къару къулыкъухэм зэрахьэ бзэджагъэр, хабзэншагъэр, жэуаплыгъэншагъэр.  Апхуэдэр жаIэ зи бын зыфIэкIуэда анэ-адэхэми, пэжырытелъхьэхэми,  цIыху хуитыныгъэ хъумакIуэхэр республикэм щыщу зэупщIахэми.

«Профилактикэ Iуэху» зыфIащахэр убгъуауэ ирагъэкIуэкIт.  2004-2005 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым «щыщIапъыкIащ» цIыху минипщI бжыгъэхэр, пщIы бжыгъэхэр яубыдащ. Терроризмым драгъэкIуэкI бэнэныгъэр хуагъэкIуэжащ муслъымэн зи цIэхэр зэхэзехуэн щIыным.   

АпщIэндэху.  Мы тхьэмахуэм, мэкъуауэгъуэм и 12-м Къэбэрдей-Балъкъэрым деж зауэлIу хуагъэфащэри нэрыбги 3 яукIащ.

Урысейм и лъэпкъ террорпэкъуащIэ гупжьейм къет, ахэр  хабзэншэу IэщэкIэ узэда гупхэм яхэтауэ, укIыгъэхэмрэ хъунщIэныгъэхэмрэ япхауэ.

Хъыбар къызэратымкIэ, а Iуэхум хэтахэм ящыщу офицеритIи уIэгъэ хъуащ.

А къэхъугъэм махуищкIэ ипэжу, зауэлIу хуагъэфащэри нэгъуэщI  нэрыбги 4 щаукIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым деж.   

Хуитыныгъэ Радио. Къардэн Аминат

КъэIогъэн фае, мы кIалэ 50 Налчик хьэпсым чIэсхэм анахьыбэр Адыгэх. Джащ фэдэу Къэбэртае-Бэлкъарым иполициерэ имухъабаратрэ терорым тебэны аIоу мы аужьырэ илъэсхэм кIалэ шъэ пчъагъэу аукIыгъэхэм анахьыбэр Адыгэх.  

ТIуапсэ Пресс