1.6.14

Къэрэшей-Черкесым щагъэлъэпIащ профессор Бэчыжь Лела къыщалъхуа махуэр

Бэчыжь Лела сэмэгумкIэ.

Бэчыжь Лела къыщыхъуащ ПсэукIэ –Дахэ  къуажэм. Ищхъэрэ Кавказым икIыу япэ дыдэ Ленинград дэт къэрал университетым щIыхьэфа бзылъхугъэр Бэчыжь Лелащ. Абы и гъащIэм и IэщIагъэ нэхъыщхьэ щыхъуащ филологэр, бзэ щIэныгъэр, литературэри IуэрыIуатэри къызэщIэзубыдэр.

Ар хъуащ Ищхъэрэ Кавказым деж литературэдж щIэныгъэхэм и япэ дохутыр.

Бэчыжь Лела теухуауэ къэдгъэпсэлъащ тхакIуэ Шыбзыхъуэ Ларисэ.

Шыбзыхъуэ Ларисэ: Бэчыжь Лелащ Къэрэшей-Шэрджэсым и филолгие щIэныгъэм и лъэр быдэу згъэувар. Абы шэч хэлъкъым. НэгъуэщI хэгъэгухэм щрагъэкIуэкI зэIущIэхэм сыт щыгъуи къыхагъэщ Бэчыжь Лела и гъэсэнщ жаIэри.

Къэрэшей-Шэрджэс Къэрал университетым и студентхэм жьабзэмрэ филологиемрэ яретыр Бэчыжь Лела. Мыбдежми ар ину зэрыщехъулIэм и щыхьэтщ и аспирант 20-м щIигъум щIэныгъэ  гъуэгур зэрагъэнэхуам.

Абы зэикI IэщIэхукъым Кавказми, къэралышхуэм щыпсэу лъэпкъхэми я зэныбжьэгъугъэр, ар хъумэн, дяпэкIэ гъэбыдэн зэрыхуейр.  Лейла и литературэдж лэжьыгъэхэр Дагъыстаным щыпсэу лъэпкъи 9-м я бзэкIэ тхылъхэм ихуащ , абыкIи жэрдэмщIакIуэу къэувар усакIуэ Гамзатов Расулщ. Къопсалъэр бзэ щIэныгъэхэм и дохутыр БакIуу Хъанджэрий:

Лела мы Кавказым къыщамыцIыху щыIэкъым. Дагъыстанми, Шэшэнми, ди адыгэ хэгъэгухэми ар щыцIэрыIуэщ. ЦIыху куэд щыIэщ фIыуэ мыпсалъэфу, фIыуэ тхэуэ, е фIыуэ псалъэу, фIыуэ мытхэу. Лела тIури узыфIэмыкIыжыну хузэфIокI. Адыгэ псалъэжь щыIэщ: «ПсалъэкIэ зымыщIэр IэштIымкIэ мауэр», жоуэ. Мыбы псэлъэкIэ ещIэри цIыху куэд ныбжьэгъу къещI. Уепсэлъэну, Iуэху зэгъусэу здызепхьэну узыфIэмыкIыжщ.

ИкъукIэ гъэщIэгъуэнщ Лейла и гупсысэхэм ухэдэIуэну. Бзылъхугъэм япэм жылагъуэм щиIа пщIэмрэ  нобэ щиIэмрэ ехьылIауэ Бэчыжь Лела жиIэм девгъэдэIу.

Бэчыжь Лела: Сигу ящIогъу нобэрей адыгэ пщащэхэм. Япэм бзэмкIэ зэдэгушыIэхэу, бзэм и дахагъэр къагъэсэбэпу щытащ. АпхуэдэпIэ ихуэжхэкъым иджы щыIэхэр. Дискотекэм ар къыуитынукъым. Апхуэдэ щыхъукIэ уи культурэмрэ уэрэ зэпыдза уохъур. Апхуэдэ институт дэ куэду диIащ. Псалъэ дахэ здызэжыраIэу, бзылъхугъэм и пэшым зэхуэсхэт щIалэгъуалэр. Бзэм и дахагъэри зэгурыIуэныгъэри абдежрат къыздежьэр. Мис аращ сигу ящIогъу щIыжысIэр. Ахэр яфIэкIуэдащ.

Бэчыжь Лела хуэдэ бзылъхугъэхэм щхьэкIэ и ныбжьыр къыпхуэцIыхунукъым жаIэр. Нобэ Бэчыжь Лела профессорщ, филологэм и дохутырщ, Дунейпсо Адыгэ академием и Президентым и къуэдзэщ, Урысей тхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унэтIакIуэхэм яхэтщ, Къэрэшей-Шэрджэс тхакIуэхэми  я пашэщ.

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио, Черкесск