30.5.14

Хьэбэз - Къэрэщай-Черкес

Къэрэшей-Шэрджэсым ис адыгэхэр нэхъыбэу здыщыпсоу куейм и купсэр Хьэбэз къуажэращ. Ар щаухуар 1830 гъэрауэ ябжыр. 

Инджыдж цIыкIу псыхъуэм ижьырабгъумкIэ, Iэдииху чэщанэ и лъабжьэм къэтIысат Къэсеипщыр зи пашэу КъэбэрдеимкIэ къиIэпхъукIа адыгэхэр. Иужьым Къэсейхьэблэр Инджыдж цIыкIу псыхъуэм и сэмэгумкIэ къэтIысыжат. 

1929 гъэм Къэсейхьэблэм и фIэщыгъэцIэр зэрахъуэкIащ. Нобэ а жылэм зэреджэр Хьэбэзщ. Археологэм и щIэин куэд мы щIыпIэм щыщыIэщ, ауэ псоми къахэщыр Адииху чэщанэращ. Ар щаухуар е-18-нэ лIыщIыгъуэм и 60 гъэхэрауэ ябжыр. 

Кушпэ Маринэ, Хуитыныгъэ Радио