12.5.14

КъБР-м нэкъыгъэм и 21-м адыгэхэм я щыгъуэщIэж махуэм зыхуагъэхьэзырыр

Мы гъэм Урым-Кавказ зауэр зэриухырэ илъэс I50 ирокъур. Мы Iуэхугъуэр адыгэхэм я дейжкIэ я лъэпкъым лъэпкъгъэкIуэд къыщыращIылIа, леишхуэ къыщытехьа Iуэхууэ къалъытэр.  
ИкIий I864 гъэм нэкъыгъэм и 2I махуэм Урысей Империем Кавказ Ищхъэрэр къызэризэуам папщIэ Сочэ къалэм пэгъунэгъууэ Къуэбыдэ, урысыбзэкIэ «Красная поляна» жыхуиIэ щIыпIэм и дейж зэхыхьэшхуэ иригъэкIуэкIауэ щытащ, и текIуэныгъэр игъэлъапIэу.

Ауэ мы махуэр адыгэ лъэпкъым я дейжкIэ лей къытехьар къыщащIэж абы щыхуэщыгъуэ, я тхыдэм щыхэплъэж, я щыгъуэщIэж махуэу щытщ. ИкIий мы иужьрей зэманхэм псом хуэмыдэу мы махуэр зи гумм илъхэр, ар зигу къэзыгъэкIыж адыгэхэм я бжыгъэр хэхъуэ зэпытщ. Абы щыхьэт тохъуэр дунейм и къэрал куэдым щызэбгырыпхъа адыгэхэм а махуэм и дейж пэкIухэр, зэхыхьэхэр, илъэсищэкIэ екIуэкIа зауэжьым адыгэхэм къыхуихьа гумащIэгъуэхэр ягу къагъэкIыжыуэ, ар и лъэпкъым ирагъэлъагъууэ, дунейпсом къырагъащIэу зэрекIуэкIым. Уеблэмэ мы иужь илъэсхэм нэкъыгъэм и 2I махуэм къыщынэмыщIа нэкъыгъэм и 20 пщыхьэщхьэмикIи абы и пэ махуэ зыбжанэкIэ итуэ мы махуэм ехьэлIауэ Iуэхугъуэ зыбжанэхэр ирагъэкIуэкIхэр. Пмалъэм пащIэ КъБР-м мы щыгъуэщIэж махуэм зызэрыхуагъэхьэзырым теухуауэ адыгэ жылагъуэ IуэхущIакIуэ Къэбардэ Астемыр Хуитыныгъэ радиом къыжриар мыращ:

«Мы республикэм хабзэ хуэхъуауэ мы Iуэхур зыгъэхьэзырырикIи, къызэзыгъэпэщри нэъъыбэу.щIалэгъуалэращ. Мы нэкъыгъэм и 20 махуэми, 2I-микIи къекIуэкI Iуэхугъуэхэм я нэхъыбэр щIалэгъуалэм я жэрдэмкIэ къежьащ. Иджы абы мы иужь зэманхэм къулыкъущIэхэри сытхэри къыхэхьэн щIадзауэ аращ. Мэгъэми илъэс къэс зэрекIуэкIым хуэдэу, хабзэ зэрыхъуам хуэдэу екIуэкIынууэ дыгугъэу аращ.»

Нэкъыгъэм и 21 адыгэхэм я щыгъуэщIэж махуэм мыхьэнэуэ иIэмрэ абы лъэпкъыр зэрыбгъэдыхьэн хуеймрэ теухуауэ и еплъыкIэр тхыдэтх щIэныгъэлI Щауэ Азэмэт Хуитыныгъэ радиом къыжриIар мыращ:

«Мы махуэм адыгэм и дейжкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэмыдэу мы иужьрей зэманхэм мы махуэм цIыху куэд зэхуосыр, блэкIар ягу къагъэкIыжыр, а зауэм лъэпкъым къыхуихьар ягу къыщагъэкIыжыр. ЩIэн хуейр сыт жыпIэмэ тхыдэтх хуэдэу сэ щIэн хуейуэ къэслъытэр, иужьрей зэманым а зауэм ехьэлIа лъэпкъ тхыдэм тетхыхьауэ куэд щыIэми абы хэта лIыхъужьхэу къэгъэлъэгъуа хъуар мащIэ дыдэщ. Аращи ахэр нэхъ наIуэ къэщIыжын хуейщ ахэм ящIахэр, лIыгъэ къагъэлъэгъуахэр нэхъыбэу наIуэ къэщIын хуещ.»

Гу лъытапхъэщ мы илъэсым адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм адыгэхэм лъэпкъ гъэкIуэд къызэрыращIылIэрэ илъс I50-рэ ирикъууэ къызэралъытэм. ИкIий мы Iуэхугъуэр къалъытауэ щытащ 90 гъэхэм щыгъуэ КъБР-ми АР-ми я унэфэщIхэм. Ар и лъабжьэ щIэлъуэ 20II гъэм нэкъыгъэм и 20 махуэм япэ дыдэу къэрал щхьэхуэу адыгэхэм лъэпкъ гъэкIуэд къызэрыращIылIар къилъытащ Куржы къэралыгъуэмикI. Ауэ зэкIэрэ адыгэхэм лъэпкъгъэкIуэд Урысей Империем къызэрырищIылIар абы и лIэужь Урысей къэралыгъуэм къилъытауэ щыткъымэ. Ауэ зэпымычуэ абы дунейм тет адыгэхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм зыхуагъазэр мы Iуэхугъуэр къалъытэнымкIэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр. Хуитыныгъэ радио. Баркук Инал

No comments:

Post a Comment