Абы пэмыщIу план къищтащ украинэ хьэпшыпхэм къэрал гъунапкъэхэм деж щытралъхьэ уасэхэр гъэмэщIэным теухуауэ.
Европэ Зэкъуэтым хыхьэ къэралхэм хамэ IуэхухэмкIэ я министрхэр мэлыжьыхьым и 14-м Брюссель деж зэхуэзати, Украинэм и къэрал мылъкур хабзэншагъэкIэ зэубыда цIыху 18-м я дэфтэрым аргуэру щIагъужащ цIыхуи 4.
Иджы ахэм я ахъшэ хэкIыпIэхэр Европэм щызэхуащIынущ. Зы евро миллиард Украинэм ират зэрыщахуэ балансыр зэтригъэпсыхьыжын папщIэ. Ар дыщIагъужынущ Украинэм иратыну жаIагъэххэ, ауэ иджыри IэщIамыгъэхьа евро мелуан 610-м.
Хуитыныгъэ Радио